ДИ МЭЗХЭР ХЪУМА ЗЭРЫХЪУМ И IУЭХУКIЭ

แชร์
ฝัง
  • เผยแพร่เมื่อ 14 ต.ค. 2024
  • 20I8 гъэм бжьыхьэкум и япэ махуэм щыщIэдзауэ 2024 гъэм и кIыхьагъкIэ ягъэзэщIапхъэу «Экология» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ федерал программэ щхьэхуэ щаутIыпщащ зэрыурысейуэ, мэзхэр хъумэным и IуэхукIэ. Зы гъэ къэмынэу ди къэралым гектар мин бжыгъэкIэ мэзыр ес…ирахымрэ, ирашымрэ и гугъу умыщIыххи. ЯхуэщIэнур - хэщIым хуэдиз хасэжыныращи, ари ялъэкI хъун папщIэ регионхэр зыхуей-зыхуэныкъуэ куэд щыIэу къыщIэкIащ, псом хуэмыдэу техникэ и лъэныкъуэкIэ. Ар къалъытэри илъэсихым и кIуэцIкIэ мэзыу тхэщIар къызэфIагъэувэжу, уеблэмэ, диIам щIрагъэгъужын мурад ящIащ къэрал унафэщIхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъыс щIы кIапэм щыщу поцент I5-м щIигъур зэрыщыту мэзщ, ди щIы кIапэ илъми, ди унафэ щIэмыту, нэгъуэщIу жыпIэмэ, федерал мыхьэнэ яIэу. МафIэс къэхъуу, гектар мин бжыгъэкIэ мэзыр щыхигъэщIа ди дей къыщыхъуауэ ящIэжкъым. Ауэ иригъэкъужын хуей хэщIыныгъэ ди мэзхэми ягъуэт. Абы къыхэкIуи «мэзхэр хъумэн» IуэхукIэ ирагъэжьа федерал программэм кърикIуам и IуэхукIэ иджы!

ความคิดเห็น • 3